Щэбэт пщыхьэщхьэм, 2023 гъэм мазаем и 4-м, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я
архиепископ Феофилакт тхьэмахуэ тхьэлъэIур щригъэкIуэкIащ Псыхуабэ къалэм и
Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэнхэм я гъусэу. Щоджэн нэхъыщхьэм и
гъусэу Тхьэ елъэIуащ къалэдэсхэмрэ зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэмрэ. Щихънагъыр
Шестопсалмиемрэ тхьэмахуэ Инджылымрэ къеджащ. Япэу НэщI Триоди уэрэдыр
тхьэлъэIум щыжаIащ.
Мазаем и 5-м, мытаррэ фарисеемрэ я тхьэмахуэм, Урыс Члисэм Тхьэм папщIэ
бэлыхь куэд зрагъэшэча, гуэныхьхэр зрагъэIуэтэжа и щихъхэм я фэеплъым ирихьэлIэу
архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургиер щригъэкIуэIкащ Спасскэ члисэ зэхуэхьэсам.
Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэнхэм.
ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм къыщыхьахэм къеджа нэужь, Щихънагъым
фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. Литургие нэужьым Урыс Члисэм
Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча и щихъхэм папщIэ Тхьэ елъэIуащ. ТхьэлъэIу
нэужьым Пастыр нэхъыщхьэр екIуэлIапIэм кIуэхэм щепсэлъащ Псыхуабэ епархием и
ЩIалэгъуалэ центрым.