«Фи Iуэху бгъэдыхьэкIэхэмрэ Iущагъымрэ иджырей зэIумыбзхэм члисэм и
цIыхухэр дызэкъуигъэуващ. Мамырыгъэм, узыншагъэм папщIэ тхьэлъэIукIэ махуэ къэс
Тхьэмрэ КъегъэлакIуэ Христосрэ захудогъазэ. Илъэс куэдкIэ Тхьэм утхуигъэпсэу!», -
зыхуигъэзащ Щихънагъым а махуэм Урыс Члисэм и Iэтащхьэм.
Архиепископ Феофилакт Патриарх Кирилл къулыкъу дищIащ ар и къулыкъум
зэрыпэувэрэ илъэс 14 щрикъум, ехъуэхъури пастыр нэхъыщхьэхэм епсэлъащ.