Черкесск къалэм и Покров члисэм и Iэгъуэблагъуэм фэеплъ пэкIу щекIуэкIащ
къэзакъхэм я политикэ залымыгъэм хэкIуэдахэм теухуауэ. Абы щоджэнхэм тхьэлъэIу
щрагъэкIуэкIащ.
ПэкIум хэтащ КъШР-м и Iэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ я Администрацэм я
лIыкIуэхэр: Парламентым и депутатхэр, КъШР-м и Правительствэм щыщхэр, Краснодар
крайм и губернаторым и къуэдзэр, Кубань къэзакъыдзэм и атаман Власов Александр,
Кубань къэзакъыдзэм и Баталпашинскэ къудамэм и къэзакъхэр, республикэм и къалэ
округхэмрэ муниципальнэ районхэмрэ я лIыкIуэхэр, чристэнхэмрэ муслъымэнхэмрэ я дин
Iэухущ1апIэхэм къикIахэр, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр, дзэм къулыкъу
щызыщIэхэр, Черкесск къалэм щыпсэухэр.
Чристэнхэмрэ муслъымэнхэмрэ я лIыкIуэхэм зэхуэсахэр къыхураджащ тхыдэ
фэеплъхэр яхъумэну, заужьыну, щIэблэр фIэщхъуныгъэм щIапIыкIыну, хабзэхэм
зэкъуэтыныгъэм хуагъэсэну.
Псыхуабэ епархием и Ищхъэрэ Къэрэшей-Шэрджэс округым и благочиннэ щоджэн
нэхъыжь Нартов Александр ягу къигъэкIыжащ къэзакъым и гъащIэм и лъабжьэр –
Чристэн диным хуэпэжын, щIым, унэм, унагъуэм, нэхъыжьхэм, сабийхэм яхуэсакъын,
хуей хъумэ Хэкум къыщхьэщыжын зэрыхуейр.
ПэкIу нэужьым удз гъэгъахэр тралъхьащ къэзакъхэм я фэеплъым. Апхуэдэу
пэкIухэр щекIуэкIащ Кубань къэзакъыдзэм и Баталпшинскэ къудамэм и район, къалэ,
станицэ зэгухьэныгъэхэм.