2023 гъэм щIышылэм и 24-м, хэкIуэда къэзакъхэм я фэеплъым ирихьэлIэу,
Псыхуабэ къалэм и Лазаревксэ члисэм пэкIу щекIуэкIащ. Горячеводскэ зэгухьэныгъэм и
къэзакъхэм атаман Савченкэ Владимир я пашэу ягу къагъэкIыжащ илъэси 104-рэ и пэкIэ
зи фIэщхъуныгъэмрэ Хэкумрэ зи псэ щIэзытахэр.
Къулыкъур иригъэкIуэкIащ Псыхуабэ епархием къэзакъхэм ядэлэжьэнымкIэ и
къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан Псыхуабэ и къэзакъхэм я гъусэу.
Щоджэным зэхуэсахэм ялъигъэIэсащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ
Феофилакт и псалъэхэр, ягу къигъэкIыжащ блэкIа лIэщIыгъуэм и къэхъугъэ шынагъуэхэр,
тхыдэм и дерсхэр зыщамыгъэгъупщэну къыхуриджэри.
Тэрч къэзакъыдзэм и атаманым къэзакъхэмрэ абы я унагъуэм щыщхэмрэ я
фIэхъусыр ярихащ ТВКО-м и атаманым и дэIэпыкъуэгъу Калхидов Владислав.