Кисловодск хабзэ зэрыхъуауэ щекIуэкIащ зэгъусэ тхьэлъэIур

20.01.2023
Просмотры: 2299

2023 гъэм щIышылэм и 19-м Кисловодск щагъэлъэпIащ Тхьэм и умэхъын 
махуэшхуэр. Жэщыкум Псыхуабэ епархием Кисловодск округым щиIэ благочиннэ 
щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн зыгъэпсэхупIэ паркым и Абджыпсыр игъэнэхуащ. 
Махуэшхуэ тхьэлъэIум щызэхуэсащ къалэ-зыгъэпсэхупIэм щыпсэухэмрэ абы и 
хьэщIэхэмрэ. 
Благочиннэм ягу къигъэкIыжащ а махуэм Члисэм Тхьэ Троицэм и щэху илъэс 
минитI и пэкIэ Иордан псыежэхым къыщыхъуар. Щоджэным жиIащ махуэшхуэр джэгум 
хуагъэкIуэн зэрыхуэмейр, купелым Тхьэ уелъэIуу, зыхэпщIэу узэрыкIуэн хуейр. 
Махуэшхуэм тхьэлъэIу литургие нэужьым Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и члисэ 
цIыкIум деж псыр щагъэнэхуащ. 
ТхьэлъэIу литургие нэужьым къалэм и зэгъусэ тхьэлъэIу зыгъэпсэхупIэ паркым и 
Никольскэ псыкъуийм хуэкIуэр ирагъэкIуэкIащ. Псыр игъэнэхуащ щоджэн нэхъыжь 
Знаменский Иоанн Кисловодск и члисэхэм я щоджэнхэм ящIыгъуу. Зэгъусэ тхьэлъэIурэ 
псы гъэнэхун тхьэлъэIумрэ хэтащ къэзакъхэр, зыгъэпсэхупIэм щыпсэухэмрэ абы и 
хьэщIэхэмрэ, гимназием и гъэсэнхэр. 
ТхьэлъэIу нэужьым Иоанн зэхуэсахэм ехъуэхъуащ икIи къытеувыIащ Тхьэм и 
махуэшхуэм и мыхьэнэм. Махуэшхуэм и тхыдэр ягу къигъэкIыжащ икIи псы лъапIэм 
хуэсакъыну къыхуриджащ. 

 

2299
Фотогалерея