Христос и Хъуромэ махуэшхуэхэм Псыхуабэ епархием и Георгиевскэ цIыхубз
къулъшырыфым псапэ псейхэр щагъэуващ икIи абыхэм сабий 300-м щIигъу хэтащ.
«София» екIуэлIапIэ-пансионатым и гъэсэнхэм Хъуромэ таурыхъ къагъэлъэгъуащ.
Псейм и хъуреягъыр Уае Дадэмрэ Уае Гуащэмрэ я гъусэу абыхэм къафыхьащ, усэ
къеджащ, къэфащ.
Махуэшхуэ нэужьым саугъэтхэр къахьащ.