2023 гъэм щIышылэм и 7-м, Налшык къалэм щыкIуам, Псыхуабэ, Черкесск
щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт IущIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ
КIуэкIуэ Казбек.
Республикэм и сайтым и Iэтащхьэм къызэрыщыхьамкIэ, Казбек Щихънагъымрэ
чристэнхэмрэ гуапагъэ, ехъулIэныгъэ яIэну захуигъэзащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и
зэгухьэныгъэм зэпымыууэ гулъытэ къазэрыхуищIым папщIэ фIыщIэ хуищIащ.
Архиепископ Феофилакти и псалъэм къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и
чристэн зэгухьэныгъэхэр властым и органхэм жыджэру зэрадэлажьэр икIи республикэм и
Iэтащхьэм фIыщIэ хуищIащ Псыхуабэ епархием къыхилъхьэ псапэ Iуэхухэм зэрыхэтым,
щIыналъэм и лъэпкъ, дин зэхущытыкIэхэр зэрыригъэфIакIуэм папщIэ.