2022 гъэм дыгъэгъазэм и 28-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ
Феофилакт хэтащ Псыхуабэ къалэм и Жылагъуэ советым и иужьрей зэIущIэм. СКФУ-м и
къалэ къудамэм и утым жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, лъэпкъ-щэнхабзэ, дин
зэгухьэныгъэхэм щыщхэр илъэсым кърикIуахэр зэхалъхьэжыну, советым и иджырей
зэхуэсым хэтхэр зэрагъэцIыхуну зэхуэсащ.
СКФУ-м и сайтым къызэрыщыхьамкIэ, зэIущIэр къызэIуихащ Жылагъуэ советым и
унафэщI, СКФУ-м и Псыхуабэ институтым и унафэщI профессор Шыбзыхъуэ Татьянэ,
къалэм и гъащIэм теухуа Iуэхугъуэ щхьэпэхэм зэхыхьэр зэрытеухуар къыхигъэщу.
Нацист оккупацэ властхэм Ставрополь крайм щалэжьхэр СССР-м ис лъэпкъхэм я
геноциду къалъытэну къыхилъхьащ Псыхуабэ къалэм и Жылагъуэ советым хэт, Псыхуабэ
институтым СКФУ-м и профессор Вартумян Арушан.
Я Iуэху еплъыкIэхэр зэтехуэу къыщIэкIащ Псыхуабэ и Жылагъуэ советым хэтхэм:
нацистхэмрэ абы я дэрэгъухэмрэ Ставропольем щалэжьхэр геноциду къалъытащ, зауэ
Iуэхуу, цIыхухэм ирах щIэпхъэджагъэу.
Къалэм и Iэтащхьэ Ворошилов Дмитрий Псыхуабэ и штабым и лэжьыгъэм
къытеувыIащ, зауэм щыIэхэмрэ абы я унагъуэхэмрэ хуащI дэIэпыкъуныгъэхэр
къыхигъэщу. Къалэм щыпсэухэр, къэзакъхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, НКО-р,
хьэрычэтыщIхэр зауэлIхэмрэ я унагъуэхэмрэ доIэпыкъу. Псыхуабэдэсхэм ящыщу зауэм
щыIэ щIалэхэм я унагъуэхэм ядоIэпыкъу.
Советым и зэхыхьэм хэтхэм къалъытащ Псыхуабэ и гуманитарнэ дэIэпыкъуныгъэр
къызэрызэрагъэпэщыр, лъэпкъ щэнхабзэ зэгухьэныгъэхэмрэ хьэрычэтыщIхэмрэ,
псыхуабэдэсхэм абы хуащI хэлъхьэныгъэхэр къыхагъэщащ. Къалэм и Iэтащхьэм и
докладым фIыщIэ щыхуищIащ Псыхуабэ епархием и фIэщхъуныгъэ зиIэхэмрэ
щоджэнхэмрэ, зауэм зи щхьэ къыхэзыхахэм зэрадэIэпыкъум и IуэхукIэ.
Апхуэдэу къалэм и Iэтащхьэр къытеувыIащ Псыхуабэ къалэ зыгъэпсэхупIэм
зэрызрагъэужьым. Зауэм зи щхьэ къыхэзыхахэр Псыхуабэ къалэм пIалъэкIэ
къызэрыщыувыIам теухуауэ къалэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ, администрацэм
и Iуэхухэр зезыгъакIуэ Малыгинэ Анастасие къытеувыIащ.
Советым и лэжьыгъэр и кIэм щынэблагъэм, Ворошилов Дмитрий зэIущIэм хэтхэм
ИлъэсыщIэмкIэ ехъуэхъуащ икIи Псыхуабэ къалэм и Жылагъуэ советым и тхылъыр
яритащ.