Псыхуабэ епархием аргуэру щызэхуахьэсащ хъуромэ саугъэтхэр

26.12.2022
Просмотры: 2314

2022 гъэм дыгъэгъазэм и 24-м, ИлъэсыщIэ зыгъэпсэхугъуэхэм и иужьрей щэбэтым, 
Псыхуабэ епархием и управленэм и лэжьакIуэхэр хабзэ зэрыхъуауэ щызэхуэсащ епархием 
и унэм, IэфIыкIэхэр хъуромэ махуэшхуэхэм зэхуахьэсын папщIэ. Иужьрей илъэсхэм 
саугъэтхэм я бжыгъэр зэрыщытауэ къонэж. IэфIыкIэхэр зэрылъ саугъэт 3200-рэ чристэн 
гимназиемрэ тхьэмахуэ школымрэ я гъэсэнхэм, сабий унэхэмрэ Псыхуабэ епархием и 
социальнэ IуэхущIапIэхэмрэ щыIэхэм иратынущ. Мы гъэм гулъытэ хуащIынущ Донбасс 
къикIа унагъуэхэм. Саугъэт псоми Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ 
Феофилакт къыбгъэдэкI Хъуромэ хъуэхъу халъхьащ.

2314
Фотогалерея