Архиепископ Феофилакт: «Ди пэжыр – Христосщ»

21.12.2022
Просмотры: 2590

2022 гъэм дгыъэгъазэм и 20-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ 
Феофилакт иригъэкIуэкIащ Епархием и советымрэ Псыхуабэ епархием и Епархие 
зэхуэсымрэ я лэжьыгъэхэр. 
Епархием и ЩIалэгъуалэ центрым щызэхуэсащ щоджэни 175-рэ, монаххэр, мамыр 
цIыхухэр илъэсым кърикIуахэр зэхалъхьэжын, члисэ зэгухьэныгъэхэм теухуа Iуэхухэм 
унафэ тращIыхьын папщIэ. ЯпэщIыкIэ зэхыхьэм хэтхэм ягъэIэпхъуащ Члисэ судым и 
лэжьыгъэр икIи Епархием и советым дызыхуэкIуэ илъэсищым хагъэхьэнухэр хахащ. Абы 
щыщ хъуащ: щоджэн нэхъыжьхэу Панасенко Алексий, Фещенко Стефан, Лиманов 
Гермоген, Волошин Дмитрий, Кузнецов Сергий, Поддубный Михаил сымэ, нэгъуэщIхэри. 
Зэхуэсым къыщыпсэлъащ архиепископ Феофилакт. Абы къыхигъэщащ Псыхуабэ 
епархием и лэжьыгъэр зыхуэдэр икIи Донбасс къикIахэм ди щIыналъэм хуащI 
дэIэпыкъуныгъэхэм зэрыхэхъуэр. Псыхуабэ епархием и члисэм екIуалIэ фIэщхъуныгъэ 
зиIэхэр зэкъуэувэу мелуанихым щIигъу зэхалъхьащ абыхэм папщIэ. Щихънагъым 
къыхигъэщащ епархием и социальнэ IуэхущIапIэхэмрэ екIуэлIапIэхэмрэ къалэхэм, 
къуажэхэм, станицэхэм дэсхэм дэIэпыкъуныгъэхэр зэрыщыхуащIэр.
Пастыр нэхъыщхьэм гулъытэ хуищIащ узэщIыныгъэм, цIыхухэм нобэ шыIэныгъэ 
зыхегъэлъхьэным. Тхьэр, КъегъэлакIуэ Христосщ щоджэным и псалъэ нэхъыщхьэ хъун 
хуейр. ФIэщхъуныгъэ зиIэ чристэнхэм аращ шыIэныгъэ зыхалъагъуэр. «Дэ зы пэжщ диIэр. 
Ди пэжыр – Христосщ», - ягу къигъэкIыжащ архиепископ Феофилакт. Щоджэн 
нэхъыщхьэм ягу къигъэкIыжащ чристэнхэм зауэм хуаIэ еплъыкIэр, абы и хъумакIуэхэри 
хыхьэу. 
ИужькIэ зэхыхьэм хэтхэм  я пащхьэм къыщыпсэлъащ епархием и къудамэм и унафэщIхэр. 
Щихънагъым къата упщIэхэм жэуап иритащ. 

 

2590
Фотогалерея