Псыхуабэ и Спасскэ члисэ зэхуэхьэсам щрагъэжьащ юбилей зэхыхьэхэр

15.12.2022
Просмотры: 3386

2022 гъэм дыгъэгъазэм и 14-м, Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсар 
илъэси 10 щрикъум, Москварэ Урысей псомрэ я Патриарх Кирилл и унафэкIэ, члисэ 
зэхуэхьэсам и щIалэгъуалэм щоджэнхэмрэ екIуэлIапIэм кIуэхэмрэ тхыдэ спектаклым 
ирагъэблэгъащ. 
Iуэтэжыр щрагъажьэм, пшыхьым хэтхэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ фIэхъускIэ 
захуигъэзащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт. Артист 
ныбжьыщIэхэм я театр теплъэгъуэмкIэ къагъэлъэгъащ Япэ Спасскэ члисэ зэхуэхьэсам и 
тхыдэр, XIX лIэщIыгъуэм яухуа, XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм зэхакъутам. 
Теплъэгъуэ нэужьым щоджэнхэмрэ Псыхуабэ и члисэ екIуэлIапIэм кIуэхэмрэ 
зыкъыщагъэлъэгъуащ тхьэмахуэ школым и гъэсэнхэмрэ Кубэ Аннэ зэригъакIуэ члисэ 
зэхуэхьэсам и щоджэн нэхъыщхьэм и хорымрэ.
Унагъуэ махуэшхуэр щызэхуащIыжым, архиепископ Феофилакт зэхыхьэм 
хэтахэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ фIыщIэ яхуищIащ. ЗэIущIэм хэтахэм зэгъусэу сурэт 
зытрагъэхащ. 

 

3386
Фотогалерея