Архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу иригъэкIуэкIащ

06.12.2022
Просмотры: 2775

2022 гъэм дыгъэгъазэм и 3-4-хэм Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ 
Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Псыхуабэ къалэм и Спасскэ кафедральнэ 
члисэ зэхуэхьэсам, члисэм и щоджэнхэм я гъусэу. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ 
елъэIуащ къалэм щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ. 
Дыгъэгъазэм и 3-м пщыхьэщхьэм Щихънагъым тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ, 
махуэшхуэ Инджылым къеджащ, фIэщхъуныгъэ зиIэхэм гъэнэхуа дагъэм щыщ ящихуащ. 
ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм къыщыхьахэм иужькIэ тхьэлъэIу литургием 
хыхьэу Пастыр нэхъыщхьэм фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. 
Литургие нэужьым Тхьэм и Анэр ягъэлъэпIащ. 
Архиепископ Феофилактрэ екIуэлIапIэм кIуэхэмрэ я зэпсэлъэныгъэм щыпащащ 
Псыхуабэ епархием и ЩIалэгъуалэ центрым. 

 

2775
Фотогалерея