Архиепископ Феофилакт Пролетарскэ къуажэм и члисэр игъэнэхуащ

04.12.2022
Просмотры: 3455

2022 гъэм дыгъэгъазэм и 3-м, Тхьэм и Анэр члисэм щыщIаша махуэм, Псыхуабэ, 
Черкесск щIыналъэхэм я  архиепископ Феофилакт игъэнэхуащ икIи тхьэлъэIу литургиер 
щригъэкIуэкIащ КъБР-м и Прохладнэ районым хыхьэ Пролетарскэ къуажэм Тхьэм и Анэм 
и Къэзан тхьэнапэм и цIэр зезыхьэ и члисэм. 
Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Псыхуабэ епархием Налшык 
щиIэ округым и щоджэнхэм благочиннэ щоджэн нэхъыжь Бобылев Валентинрэ къардэн 
нэхъыжь Кубэ Димитрийрэ я пашэу. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ Тэрч 
къэзакъыдзэм и Тэрч-Малкэ округым и къэзакъхэмрэ къуажэдэсхэмрэ, гъунэгъу 
къалэхэмрэ станицэхэмрэ къикIыу щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэр. 
Литургие нэужьым Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ 
захуигъэзащ икIи медалхэмрэ щIыхь тхылъхэмрэ яритащ, члисэр зыухуэхэм. 
***
Тхьэм и Анэм и Къэзан тхьэнапэр 2014 гъэм яухуэн щIадзащ екIуэлIапIэм 
кIуэхэмрэ псапащIэхэмрэ я ахъшэкIэ. 2017 гъэм члисэм куполыр фIадзащ, 2018 гъэм 
Щихънагъым тхьэлъэIу литургиер щригъэкIуэкIащ абы хухаха, къуажэдэсхэр Тхьэ 
щелъэIу пэшым. 

 

3455
Фотогалерея