Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Георгий и цIэр зезыхьэ члисэ Лиддэ щыIэр
къыщагъэщIэрэщIэж махуэшхуэм, пащтыхь шэнтиуэ махуэр щагъэлъэпIащ ЕссэнтIыгу
къалэм пэгъунэгъу Георгиевскэ цIыхубз къулъшырыфым. Къулъшырыфым и игумение
Варварэ (Шурыгинэ), гуапагъэ зыщIэ шыпхъухэм, «София» екIуэлIапIэ-пансионатым и
гъэсэнхэм ехъуэхъуну зэхуэсащ къулъшырыфым и щоджэн нэхъыжь Лиманов Гермоген,
щоджэнхэр, щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну зэхуэсахэр.
ТхьэлъэIумрэ зэгъусэ тхьэлъэIумрэ хэтащ Псыхуабэ епархием ЕссэнтIыгу щиIэ
округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан. Щоджэным зэхыхьэм хэтахэм
Щихънагъым къыбгъэдэкI фIыщIэ яхуищIащ икIи махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ. ТхьэлъэIу
нэужьым щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэм Iэнэ къыхуащтащ.