Члисэр зэхэзехун эращIам теухуа тхыгъэщIэхэр къэунэхуащ

19.11.2022
Просмотры: 1388

2022 гъэм щэкIуэгъуэм и 18-м Армавир къалэм щызэхуащIыжащ археологиемкIэ, 
тхыдэмкIэ, Урысей Ипщэм музеймкIэ и «Лунинские чтения»  урысейпсо щIэныгъэ-
практикэ конференцэр. Зэхуэсым хэтащ Москва, Сочэ, Дон Iус Ростов, Краснодар, 
Армавир, Ставрополь, Курганинск, Белореченск, Тихорецк, Краснодар крайм и 
станицэхэм щыщ щIэныгъэлхIэр. Конференцэр къызэрагъэпэщащ Армавир къалэ 
администрацэмрэ Армавир и лъахэхутэ музеймрэ. 
Конференцэм къыщыпсэлъащ Псыхуабэ епархием щихъхэр канон щIынымкIэ и 
комиссэм и секретарь щоджэн Гурин Александр. Щоджэныр къытеувыIащ Къэбэрдей-
Балъкъэрым 1920-1930 гъэхэм чристэн щоджэнхэм я псэукIар. Члисэр зэхэзехуэн 
зэращIам теухуа архив-следственнэ тхыгъэхэр, Налшык, Прохладнэ къалэхэм, 
Котляревскэ, Троицкэ станицэхэм щоджэнхэм щаIэ щытыкIэм теухуаухэр япэу щIэныгъэм 
хагъэхьащ. 
Тхыгъэхэр къытехуащ РИНЦ-м и къыдэкIыгъуэм. Конференцэм хэтхэм къалэмрэ 
лъахэхутэ музеймрэ зыщаплъыхьащ. 

***
Лунин Виктор (1843-1913) урыс узэщIакIуэ цIэрыIуэщ, жылагъуэ, политикэ лэжьакIуэщ. 
Армавир къалэм Жылагъуэ зэхуэс, ахъшэ зэхэдзэ, хуэмыщIахэм папщIэ ахъшэ зэхэдзэ, 
юрист чэнджэщэгъу, пэщIэдзэ школ, гимназие, библиотекэ, музей, къалэм къыщызэIуаха 
амбулаторэм и нэIэм щIэт сабийхэм щакIэлъыплъ зэгухьэныгъэ, аптекэ, тхылъ хъумапIэ, 
нэгъуэщIхэри къыщызэригъэпэщауэ щытащ. Армавир къалэр къалэ хъун папщIэ куэд 
зэфIихащ. Япэ Чристэн члисэ ухуэныгъэм, псэупIэншэхэм я унэр щIыным жыджэру хэтащ 
ар. Лунин Виктор теухуа конференцэ Армавир япэу щокIуэкI. 

 

1388
Фотогалерея