2022 гъэм щэкIуэгъуэм и 13-м, Владикавказ щыкIуам, Москварэ Урысей
псомрэ я Патриарх Кирилл Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ
Феофилакт IущIащ.
Архиепископ Феофилакт Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ
зэхуэхьэсам росписхэр щригъэлъэгъуащ. Псыхуабэ еапрхием и члисэ
нэхъыщхьэр зэрагъэнэхурэ илъэсипщI зэрырикъумрэ Урыс Чристэн Члисэм и
Iэтащхьэр абы зэрыкIуамрэ мы гъэм щагъэлъэпIащ епархием. Патриарх ЛъапIэм
къилъытащ тхьэнапэхэр зыгъэхьэзырхэм я IэщIагъэ дахэр.
Апхуэдэу Пастыр нэхъыщхьэр члисэхэм тепсэлъыхьащ, Ильинскэ члисэ
Минводы и кхъухьлъэтапIэм щыIэм зыхигъэгъуэзащ. Апхуэдэу КъБР-м и
Бахъсэн къалэм и Покров члисэм и ухуэныгъэр и кIэм зэрынагъэблэгъам
еплъащ.
Псыхуабэ епархием и социальнэ проект зыбжанэм щыщу Щихънагъыр
нэхъ зыубгъуауэ къытеувыIащ иппотерапиемкIэ «Целебный Ессентуки»
центрым. Абы манеж ухуэныгъэм и ужь щихьащ, сабий ныкъуэдыкъуэхэм я
гъусэу илъэс псокIэ дунейм и щытыкIэр зыхуэдэми емылъытауэ дерсхэр
щрагъэкIуэкIыну Iэмал щаIэм. Иджыпсту центрым пщIэншэу сабии 175-м я
узыншагъэр щрагъэфIакIуэ, Донбасс къикIа 15 щIыгъуу.
Псом хуэмыдэу Патриарх Кирилл гулъытэ хуищIащ Успенскэ
Вороафонскэ Бештаурскэ цIыхухъу къулъшырыфыр къызэрагъэщIэрэщIэжам.
ХХ лIэщыгъуэм и пэщIэдзэхэм Афон хабзэм тету монаххэм я гъащIэр
яубзыхуащ. Къулъшырыфыр зэхакъутауэ щытащ диным и бийхэм. 90 гъэхэм
ирагъэжьауэ щытащ къулъшырыфыр къагъэщIэрэщIэжын икIи Псыхуабэ
епархиер ирагъэжьэжа нэужь абы нэхъри и ужь ихьащ.
Архиепископ Феофилакт Успенскэ члисэ зэхуэхьэсам и къулъшырыфым
еплъащ абы и члисэ нэхъыщхьэм и кIуэцIыр зэрызэрахьэми кIэлъыплъащ.
Мозаикэ тхьэнапэхэм, члисэ зэхуэхьэсар зэрагъэдахэм гу лъитащ. Урыс Члисэм
и Iэтащхьэр арэзы техъуащ Бештаурскэ къулъшырыфыр адэкIи
ирагъэфIэкIуэным.