ЕссэнтIыгу къалэм и Тэрч къэзакъыдзэм и къэзакъ зэгухьэныгъэр илъэс 33-рэ
зэрырикъум теухуа зэхыхьэ щекIуэкIащ ЕссэнтIыгу къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм.
ЗэIущIэм и хьэщIащ Тэрч къэзакъыдзэм и атаман, къэзакъ генерал Кузнецов Виталий,
Горячеводскэ къэзакъ зэгухьэныгъэм и атаман Савченкэ Владимир, Псыхуабэ къалэм и
думэм и депутат Згирко Сергей.
Зэхыхьэм и лэжьыгъэр зэрырагъэжьамкIэ хъуэхъуащ Псыхуабэ епархием
къэзакъхэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан.
Щоджэным хьэщIэхэмрэ зэхыхьэм хэтхэмрэ ярихыжащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм
я архиепископ Феофилакт и фIэхъусыр. Ар къэзакъхэм ехъуэхъуащ я зэгухьэныгъэр
къызэрыунэхурэ илъэс бжыгъэ дахэ зэрырикъумкIэ, Тхьэр къадэIэпыкъуну, я
зэгухьэныгъэм зиужьыну.
Къэзакъхэр тепсэлъыхьащ илъэсым къриубыдэу зэфIагъэкIахэм, атаманымрэ
правленэмрэ я лэжьыгъэхэм къытеувыIащ, дамыгъэхэр иратащ, дзэ атаманым тыгъэ
хуащIахэр. Къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и артистхэр къэзакъхэм ехъуэхъуащ концерткIэ.