2022 гъэм щэкIуэгъуэм и 5-м, адэ-анэхэм я Дмитриевскэ щэбэт тхьэлъэIум,
Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургиер
щригъэкIуэкIащ КъШР-м и Усть-Джегуты къалэм и Михайловскэ члисэм.
Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Псыхуабэ епархием Къэрэшей-
Шэрджэсым щиIэ округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Нартов Александр, члисэм и
унафэщI щоджэн нэхъыжь Петров Александр, къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий. Пастыр
нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къэзакъхэр, къалэдэсхэр, гъунэгъу къалэхэмрэ
станицэхэмрэ къикIахэр. Литургие нэужьым Щихънагъым тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ
икIи фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.