Псыхуабэ и Лазаревскэ члисэм щагъэлъэпIащ ар зэрагъэнэхурэ илъэси 120- рэ зэрырикъур

01.11.2022
Просмотры: 4534

2022 гъэм жэпуэгъуэм и 30-м, фIэщхъуныгъэ зиIэ Четверодневный Лазар и къарум 
щыщ Iыхьэхэр щагъэIэпхъуэм, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ 
Феофилакт иригъэкIуэкIащ Псыхуабэ и Лазаревскэ члисэр илъэси 120-рэ зэрырикъур 
гъэлъэпIэным ехьэлIа зэхыхьэхэр. ТхьэлъэIу литургиер Щоджэн нэхъыщхьэм 
драгъэкIуэкIащ Псыхуабэ епархием и члисэм и унафэщI, Административнэ секретариатым 
и Iэтащхьэ щоджэн нэхъыжь Яковенкэ Илия. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ 
къалэм и члисэхэм екIуалIэхэмрэ зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэмрэ. 
ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм къыщыхьахэм къеджа нэужь, Щихънагъым 
фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. Литургие нэужьым архиепископ 
Феофилакт зэгъусэ тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ дунейм ехыжа щоджэнхэм я гъусэу. 
ТхьэлъэIум хыхьэу ягу къагъэкIыжащ политикэ залымыгъэ зрахахэр, жэпуэгъуэм и 30-м 
зи фэеплъыр ягу къагъэкIыжхэр. 
ИужькIэ щоджэн нэхъыщхьэм дамыгъэ лъапIэхэр яритащ члисэр гъэнэхуным 
зыхуэзыгъэхьэзырахэм юбилейм ирихьэлIэу икIи члисэм и щоджэн нэхъыжь Таранов 
Михаил и махуэмкIэ ехъуэхъуащ. 
Апхуэдэу пастыр нэхъыщхьэм Тхьэм и Анэм и Иверскэ теплъэр къихьащ. 
Махуэшхуэм хэтхэм ехъуэхъуащ Псыхуабэ къалэ Думэм и унафэщI Похилько Людмилэ. 
Абы къалэ депутатхэм ягу къигъэкIыжащ Лазаревскэ члисэм и тхыдэр. 
А махуэ дыдэм архиепископ Феофилакт Людмилэ и гъусэу къызэIуихащ щIэныгъэ 
гуэдзэнхэмкIэ центрыр, члисэм щылэжьэнур. Щоджэн нэхъыщхьэм центрыр игъэнэхуащ 
икIи абы и гъэсэнхэм я гъусэу сурэт зытригъэхащ.

4534
Фотогалерея