Къудамэм и унафэщIым Лермонтовым и псалъэхэр зыщIэлъ романсыр игъэзэщIащ усакIуэм и махуэм ирихьэлIэу

18.10.2022
Просмотры: 1803

2022 гъэм жэпуэгъуэм и 15-м, Лермонтовым и махуэшхуэм, усакIуэр къыщалъхуа 
махуэм, абы и фэеплъ Спасскэ члисэ зэхуэхьэсам пэгъунэгъум Псыхуабэ къалэ-
зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэр щызэхуэсащ урыс усакIуэшхуэр ягу къагъэкIыжыну. 
Къалэдэсхэм я гъусэу фэеплъым деж зэхуэсащ «Домик Лермонтова» музей къэрал 
заповедникым и лэжьакIуэхэр. Усэхэмрэ гукъэкIыж псалъхэмрэ куэду щыжаIащ абдеж. 
Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт къыбгъэдэкIыу 
зэхуэсахэм фIэхъус ярихащ Псыхуабэ епархием щэнхабзэмкIэ и къудамэм и секретарь 
Стацюк Михаил, Лермонтовым и ужь дыдэу Псыхуабэ щитхахэм ящыщ «Выхожу один я 
на дорогу» романсри игъэзэщIащ. 

 

1803
Фотогалерея