Черкесск щагъэлъэпIащ Тхьэм и Анэм и Покров махуэшхуэр

16.10.2022
Просмотры: 2130

2022 гъэм жэпуэгъуэм и 14-м Черкесск къалэм и Покров къэзакъ члисэм 
щагъэлъэпIащ пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр. ТхьэлъэIу литургием щызэхуэсащ 
щIыналъэм щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ. Зэгъусэ тхьэлъэIу нэужьым екIуэлIапIэм 
кIуэхэр ирагъэблэгъащ шэджэгъуашхэм. ИужькIэ, члисэм и Iэгъуэблагъэм, Баталпашинскэ 
къэзакъхэм Кубань къэзакъыдзэм и махуэр щагъэлъэпIащ. 
Мы гъэм Черкесск къалэм и Покров члисэр илъэси 120-рэ зэрырикъур 
щагъэлъэпIащ. Дэфтэрхэм зэритымкIэ, 1902 гъэм Никольскэ члисэ Баталпашинскэ 
центрым щыIар зэпкърахри станицэм и ипщэ лъэныкъуэмкIэ ягъэIэпхъуащ. ЯгъэIэпхъуа 
нэужь члисэр Тхьэм и Анэм и Покровым и цIэкIэ ягъэнэхуащ. 
Члисэм и юбилейм и цIэкIэ, Къэрэшей-Шэрджэсыр илъэси 100 зэрырикъум папщIэ 
Черкесск къалэм ЩэнхабзэкIэ и унэм къалэ администрацэр и дэIэпыкъуэгъуу Покров 
хорым и концерт щекIуэкIащ. Зыкъагъэлъэгъуэным и пэ къихуэу, ззэхуэсахэм фIэхъус 
ярихащ мэрием и унафэщIым и къуэдзэ Иенсен-Данильчук Еленэ. 
Къалэм и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсамрэ Покров члисэмрэ я хорыр Нартовэ Еленэ 
зригъакIуэм духовнэ уэрэдхэр игъэзэщIащ. Концертыр иригъэкIуэкIащ Псыхуабэ 
еапрхием и Ищхъэрэ Къэрэшей-Шэрджэс округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Нартов 
Александр. Абы махуэшхуэм и хьэщIэхэм ягу къигъэкIыжащ республикэм, къалэм, 
Покров члисэм я тхыдэр.

 

2130
Фотогалерея