Налшык фэеплъ пэкIу щызэхэтащ хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм я фэеплъу

16.10.2022
Просмотры: 1450

 2022 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м, Псыхуабэ епархием Налшык щиIэ округым и 
благочинннэ щоджэн нэхъыжь Бобылев Валентин къыщыпсэлъащ хабзэхъумэ IэнатIэхэм 
я лэжьакIуэхэм я фэеплъ пэкIум, зи къулыкъу зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм. 
2005 гъэм жэпуэгъуэм и 15-м, Налшык щIэпхъэджащIэу 150-м щыщIэдзауэ 300-м 
нэблагъэм хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм, военкоматым, дзэ частым ятеуащ – 
хабзэхъумэ органхэм я ухуэныгъэ 18-м. Апхуэдэу кхъухьлъэтапIэми теуащ. 
КъищынэмыщIауэ, Iэщэ щащэ тыкуэн зыбжани яхъунщIащ. Абы къыхэкIыу хабзэхъумэ 
IэнатIэхэм я лэжьакIуэ 35-рэ хэкIуэдащ, мамыр цIыху 14, террорист 95-рэ, цIыхуи 100-м 
щIигъу уIэгъэ хъуащ. 2008 гъэм щыщIэдзауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым а махуэр хабзэхъумэ 
IэнатIэхэм я лэжьакIуэ зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я щыгъуэ махуэу щагъэуващ. 
Фэеплъ пэкIум и пэ къихуэу къызэхуэсахэм я деж къыщыпсэлъащ республикэм и 
Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Дин IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэм тхьэлъэIухэр ирагъэкIуэкIащ 
хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэ хэкIуэдахэм папщIэ. ПэкIум хэтхэм ягу къагъэкIыжащ 
хэкIуэдахэм я фэеплъыр, зы дакъикъэкIэ яхуэщыгъуэри. ИужькIэ фэеплъым удз гъэгъахэр 
тралъхьащ. 

 

1450
Фотогалерея