Инклюзивнэ арт-мастерскойм щызэхуащIыжащ япэ мазэм и дерсхэр

10.10.2022
Просмотры: 1710

Инклюзивнэ арт-мастерскойм и «Творчество без границ» япэ дерсхэр и кIэм 
нэблэгъащ. Мастерскойр Псыхуабэ епархием и «ДыгъафIэ къалэ» IуэхущIапIэм щолажьэ. 
Мастерскойм екIуалIэхэм япэ мазэм щIэ куэд къащIащ геометрие фигурэхэр 
зэрыпщIынум теухуауэ, ухуэныгъэ щхьэхуэхэм, сурэт щIыным зыхагъэгъуэзащ. 
НыбжьыщIэхэм сурэт ящIащ техникэ зэмылIэужьыгъуэхэр къагъэсээпу, плъыфэхэр 
зэрызэхэплъхьэнур къащIащ. 
Щэбэтхэм мастерскойм екIуалIэхэр пленерым хыхьащ. Жьы къабзэм хэту, щIыуэпс 
материалхэр къагъэсэбэпу, абыхэм иллюстрацэхэр ящIащ. Ныкъуэдыкъуэхэм апхуэдэ 
дерсхэр къахуощхьэпэ, зэпсэлъэнымкIэ, зэрыцIыхунымкIэ. Волонтёру дерсхэм хыхьэу 
зыкъагъэлъэгъуащ ЕссэнтIыгу къалэм и СГПИ къудамэм и студентхэм.
«Творчество без границ» инклюзивнэ арт-мастерскойм  и проектыр ЕссэнтIыгу 
къалэ администрацэм егъэзащIэ, Президент грантхэм я фондыр, ЕссэнтIыгу щиIэ СГПИ-м 
и къудамэр и дэIэпыкъуэгъуу. 
 

1710
Фотогалерея