Черкесск и мафIэсгъэункIыфIхэр Тхьэм и Анэм и «Неопалимая Купина» теплъэм деж Тхьэ щелъэIуащ

18.09.2022
Просмотры: 2316

 2022 гъэм фокIадэм и 16-м, Черкесск къалэм Тхьэм и Анэм и «Неопалимая 
Купина» тхьэнапэм и махуэшхуэр щагъэлъапIэм зыкърагъэхьэлIащ Черкесск къалэм и 
мафIэсгъэункIыфI IуэхущIапIэ №1-м и лэжьакIуэхэм Урысей МЧС-м и управленэ 
нэхъыщхьэм и къудамэм и унафэщI Дергоусов Василий я пашэу, къегъэлакIуэ 
ныбжьыщIэхэр – Свято-Сергиевскэ гимназием и 4 классым щIэсхэр щIыгъуу.
ТхьэлъэIу нэужьым сабийхэм классым щIэсхэм саугъэтхэр иратащ икIи усэ 
къеджащ. Члисэ зэхуэхьэсам и ключарь щоджэн нэхъыжь Кузнецов Сергий 
мафIэсгъэункIыфI техникэм узэрыпэщIэтынум къытеувыIащ. Дергоусов Василий 
ныбжьыщIэхэм заригъэплъахьащ, МЧС-м и къегъэлакIуэ техникэр утыку кърахьэри. 
ТхьэлъэIур щызэхуащIыжым зэгъусэу сурэт зытрагъэхащ. 

 

2316
Фотогалерея