Налшык щагъэлъэпIащ члисэм и пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр

16.09.2022
Просмотры: 2990

 2022 гъэм фокIадэм и 14-м щихъ Столпник Симеон и цIэр зезыхьэ члисэм пащтыхь 
шэнтиуэ махуэшхуэр щагъэлъэпIащ. Махуэшхуэ тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ Псыхуабэ 
епархием члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь благочиннэ Бобылев Валентин. ТхьэлъэIум 
хэтащ щоджэнхэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и члисэхэм екIуалIэхэмрэ, Кавказ Ищхъэрэм 
и щIыналъэхэм щыщу щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну къэкIуахэр. Пщэдджыжьым 
фокIадэм и 14-м тхьэлъэIур ирагъэжьащ щихъ Столпник Симеон и акафисткIэ. Хабзэ 
зэрыхъуауэ ар иригъэкIуэкIащ округым и щоджэн архимандрит Лев (Ахидов).
ТхьэлъэIу литургиемрэ зэгъусэ тхьэлъэIумрэ иригъэкIуэкIащ округым и 
благочиннэ щоджэн нэхъыжь Бобылев Валентин благочинием и щоджэнхэм я гъусэу. 

2990
Фотогалерея