Пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэм щыIущIащ ЕссэнтIыгу къалэм и Александровскэ-Невскэ члисэм

14.09.2022
Просмотры: 2473

2022 гъэм фокIадэм и 12-м, джыназ Невский Александр и къарум щыщ Iыхьэхэр 
щагъэIэпхъуа фэеплъ махуэм, пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр щригъэкIуэкIащ ЕссэнтIыгу 
къалэм и Александро-Невскэ члисэм и зэгухьэныгъэм. Махуэшухэ литургиер 
иригъэкIуэкIащ Псыхуабэ еапрхием ЕссэнтIыгу щиIэ округым и благочиннэ щоджэн 
нэхъыжь Фещенкэ Стефан. 
ТхьэлъэIу нэужьым благочиннэр члисэм и унафэщI щоджэн Бураков Андрейрэ 
екIуэлIапIэм кIуэхэмрэ махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ. Стефан махуэшхуэм хэтхэм 
ялъигъэIэсащ архиепископ Феофилакт къыбгъэдэкI псалъэхэр. 
Махуэшхуэ зэгъусэ тхьэлъэIу нэужьым благочиннэм зыхигъэгъуэзащ Троицэ 
ЛъапIэм и цIэр зезыхьэ члисэм и ухуэныгъэ лэжьыгъэхэм. 

 

2473
Фотогалерея