Епархием и архитектурно-ухуэныгъэ комиссэр хэплъащ Санамер къуажэм и члисэр зэрызэрагъэпэщыжам

09.09.2022
Просмотры: 2729

Псыхуабэ епархием и архитектурно-ухуэныгъэ комиссэр ЕссэнтIыгу 
благочинием щыIащ. Епархием ухуэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI щоджэн 
нэхъыжь Бондарчук Андрей, Псыхуабэ епархием и ЕссэнтIыгу округым и 
благочиннэ щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан, благочиннэм ухуэныгъэмкIэ и 
дэIэпыкъуэгъу щоджэн нэхъыжь Журавлев Михаил, епархием и архитектор икIи 
хъумакIуэ Чечин Олег сымэ щихъ Иоакимрэ Аннэрэ я цIэр зезыхьэ члисэм и 
унафэщI щоджэн нэхъыжь Филиппов Андрейрэ абы ухуэныгъэмкIэ и 
дэIэпыкъуэгъумрэ зэпсэлъащ члисэр зэрагъэпэщыжыным и IуэхукIэ. 
Иджыпсту проект тхылъхэр ягъэхьэзыр икIи зыхуеинухэр зэрагъэпэщ. 
Комиссэм къалэн ящищIащ лэжьыгъэ нэужьым проект тхылъхэм я копиер 
епархием и ухуэныгъэ къудамэм ягъэхьыну абы арэзы техъуэн папщIэ. 
Фигу къэдгъэкIыжынщи, члисэр зэгъэпэщыжын Iуэхум псапащIэхэмрэ 
къуажэдэсхэмрэ зригъэуIуащ.

2729
Фотогалерея