Щоджэнхэмрэ щIалэгъуалэмрэ ягу къагъэкIыжащ Беслъэн щыхэкIуэдахэр

05.09.2022
Просмотры: 1783

Терроризмым пэщIэтыным и махуэм Псыхуабэ епархием Ипщэ Къэрэшей-
Шэрджэс округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Субтельный Евгений тхьэлъэIу 
литургие щригъэкIуэкIащ Шоан бгым тет Георгиевскэ члисэм.
ТхьэлъэIум хэтащ благочинием и щIалэгъуалэ къудамэм щыщхэр, 
Хетагуров Коста и цIэр зезыхьэ къуажэм щыпсэухэмрэ абы Тхьэ елъэIуну 
къэкIуахэмрэ. ТхьэлъэIум хэтхэр Тхьэ елъэIуащ Беслъэн къалэм щыхэкIуэда 
сабийхэм, егъэджакIуэхэм, адэ-анэхэм я псэр зэгъэн папщIэ.
ТхьэлъэIу лиутргие нэужьым щоджэнхэмрэ щIалэгъуалэмрэ пэкIум хэтащ 
Беслъэн къыщыхъуа гузэвэгъуэм хэкIуэдахэм я фэеплъыр ягу къагъэкIыжу. ПэкIур 
щиухым удз гъэгъахэр тралъхьащ Хетагуров Коста и цIэр зезыхьэ къуажэм дэт 
фэеплъым.

1783
Фотогалерея