Анэхэм папщIэ унэм япэ классым кIуэхэм я махуэшхуэ щекIуэкIащ

01.09.2022
Просмотры: 2030

Япэ классым кIуэхэм папщIэ Скоро в школу» махуэшхуэр 2022 гъэм шыщхьэуIум и 28-м щызэхэтащ Анэхэм папщIэ унэм.

ХуэмыщIа унагъуэхэм щыщхэм папщIэ школ Iэмэпсымэхэр зэхадзэри зэхуахьэсащ. Хэт канцтовархэр, хэт ахъшэ зэхалъхьащ зыхуеинухэр къащэхун папщIэ. Депутатхэри, хьэрычэтыщIхэри, нэгъуэщIхэри хэтащ псапащIэм. 

Япэ классым кIуэнухэм фIэхъус ярихащ Псыхуабэ епархием ЕссэнтIыгу округым и чристэн члисэхэм я благочиннэ щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан. Ар анэхэм хутепсэлъыхьащ адэ-анэхэм бын зэрагъэсэнум теухуахэм.

Школ Iэмэпсымэххэр иратащ япэ классым кIуэ еджакIуэ 30-м, зауэм зи щхьэ къыхэзыхахэм щыщхэри хэту. Анэхэм кIэнфетхэр иратащ. Сабий махуэшхуэхэр къызэзыгъэпэщхэр ирагъэблэгъащ. Зэпеуэхэмрэ джэгухэмрэ хуэмыщIа унагъуэхэм щыщхэм папщIэ пщIэншэу ирагъэкIуэкIащ. Анэхэм папщIэ унэм саугъэтхэр иратащ зэпеуэхэмрэ джэгухэмрэ хэта псоми.

Анэхэм папщIэ унэр доIэпыкъу школым загъэхьэзырынымкIэ. 2-11 классым кIуэхэм ящыщу еджакIуи 170-м ядэIэпыкъуну зыкъыхуагъэзащ. Кавминводы и къалэхэм, зауэм зи щхьэ къыхэзыха унагъэухэм къабгъэдэкIащ ар. ШыщхьэуIум и 29-м ирагъэжьащ Iуэхур. Япэ классым кIуэхэм я мызакъуэу Анэхэм папщIэ унэ IуэхущIапIэм рюкзакхэр класс нэхъыжьхэм кIуэхэми ират. ПсапащIэхэм фIыщIэ яхуэфащэщ.

2030
Фотогалерея