Псыхуабэ епархием и щоджэнхэр Щэхухэм и ужь ихьащ

27.08.2022
Просмотры: 2176

Успенскэ нэщIым ирихьэлIэу Псыхуабэ епархием и члисэ округхэм зэхыхьэхэр щекIуэкIащ, щоджэнхэм гуэныхьхэр щаIуэтэжар. 

2022 гъэм шыщхьэуIум и 20-м Черкесск къалэм и Сергиевскэ члисэм Ищхъэрэ Къэрэшей-Шэрджэсым и щоджэнхэм гуэныхьхэр щаIуэтэжащ. Благочинием ии щоджэн нэхъыжь Кишунов Константин узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ зэххуэсахэм. 

ШыщхьэуIум и 23-м Псыхуабэ къалэм и Михайловскэ члисэ зэхуэхьэсам Псыхуабэ благочинием и щоджэнхэр Щэхухэм и ужь щихьащ. Гуэныхьхэр иIуэтэжащ округым и щоджэн нэхъыжь Дмитриенкэ Сергий. Гуэныхьхэр яIуэтэжа нэужь, щоджэнхэр къытеувыIащ екIуэлIапIэм и гъащIэм.  

А махуэ дыдэм Минводы и Покров члисэм Минераловодскэ округым и щоджэнхэм гуэныхьхэр щаригъэIуэтэжащ благочинием и щоджэн нэхъыжь Макаров Николай. Благочиннэ щоджэн нэхъыжь Панасенкэ Алексий щоджэнхэм яхутепсэлъыхьащ епархием и Iуэхухэм зэрыхэтынум. 

Апхуэдэу а махуэм ЕссэнтIыгу и Скорбященскэ члисэм щекIуэкIащ ЕссэнтIыгу члисэ округым и щоджэнхэм гуэныхьхэр щаIуэтэж зэхуэс. Благочинием и щоджэн нэхъыжь Дмитриенкэ Сергий ягу къигъэкIыжащ гуэныхьхэр Iуэтэжыным и мыхьэнэр, щожджэнхэм я къулыкъум и лъапIагъэр. Гуэныхьхэр яIуэтэжа нэжь щоджэнхэр тепсэлъыхьащ гъэ еджэгъуэщIэм ЕссэнтIыгу къалэмрэ Предгорнэ районымрэ зэрызыхуагъэхьэзырым. Кругым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан гу лъаригъэтащ щоджэхэмрэ адэ-анэхэмрэ егъэджакIуэхэр зэрадэлэжьэнум.

Апхуэдэу Кисловодск къалэм и Пантелеимоновскэ члисэм гуэныхьхэр щаIуэтэжащ икIи Кисловодскэ благочинием и щоджэнхэр щызэхуэсащ. Щэхухэр иригъэкIуэкIащ округым и щоджэн нэхъыжь Лиманов Гермоген. Гуэныхьхэр яIуэтэжа нэужь щоджэнхэм тхьэлъэIу литургие ирагъэкIуэкIащ, члисэм и япэ унафэщI икIи ар зыухуауэ щыта щоджэн нэхъыжь Величко Вячеслав ягу къагъэкIыжащ. Зэхуэсым гулъытэ щыхуащIащ благочинием и къудамэхэм я унафэщIхэм я псалъэхэм. 

ШыщхьэуIум и 25-м Марьинскэ станицэм и Михайловскэ члисэм Новопавловскэ благочинием и щоджэнхэм гуэныхьхэр щаIуэтэжащ. Щэхухэр иригъэкIуэкIащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щоджэным, Новопавловскэ округым и щоджэн нэхъыжь Бобылев Валентин. Валентин узэщIыныгъэ псалъэкIэ зыхуигъэзащ щоджэнхэм, Тхьэм и унэм къакIуэ дэтхэнэми лъагъуныгъэ, шыIэныгъэ хуаIэну. Щоджэнхэм я зэпсэлъэныгъэм шхапIэм щыпащащ.

2176
Фотогалерея