Архиепископ Феофилакт ехъуэхъуащ члисэ зэхуэхьэсам и унафэщIым

22.08.2022
Просмотры: 2386

 

     2022 гъэм шыщхьэуIум и 21-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт кIуащ Псыхуабэ и Михайловскэ члисэ зэхуэхьэсам. Абы щехъуэхъуащ щоджэн нэхъыжь Дубинский Борис и ныбжьыр илъэс 65-рэ зэрырикъумкIэ. Пастыр нэхъыщхьэр зи юбилейр зыгъэлъапIэм, абы и анэмрэ члисэ зэхуэхьэсам и зэгухьэныгъэмрэ ехъуэхъуащ. И лэжьыгъэфIхэм папщIэ фIыщIэ хуищIащ, узыншагъэ иIэну, гъащIэ кIыхь хъуну ехъуэхъуащ. Пастыр нэхъыщхьэм абы тыгъэ хуищIащ жорымрэ удз гъэгъа Iэрамэрэ. Бориси Щихънагъым фIыщIэ хуищIащ гулъытэ къызэрыхуищIам папщIэ.

2386
Фотогалерея