Архиепископ Феофилакт Звёзднэ къуажэм и члисэм литургие щригъэкIуэкIащ

13.08.2022
Просмотры: 2488

 гъэм шыщхьэуIум  12-м, Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Воин Иоанн и 
фэеплъ махуэм, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу 
литургие щригъэкIуэкIащ Звёзднэ къуажэм и члисэм. 
Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Псыхуабэ епархием Налшык 
щиIэ округым и щоджэнхэм благочиннэ щоджэн нэхъыжь Бобылев Валентинрэ къардэн 
нэхъыжь Кубэ Димитрийрэ. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэ Тхьэ елъэIуащ къуажэдэсхэмрэ 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм икIыу щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэмрэ.
Литургие нэужьым Щихънагъым зэгъусэ тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ, члисэр 
къэзыхъумэр игъэлъэпIащ икIи фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. 
Апхуэдэу архиепископ Феофилакт Бахъсэн къалэм и Покров члисэм и унафэщI щоджэн 
нэхъыжь Байзулаев Василий иритащ "За труды на благо Пятигорской епархии" медалым и 
III нагъыщэр, и лэжьыгъэфIхэмрэ илъэс 20 хъуауэ щоджэн къулыкъур зэрырихьэкIымрэ 
папщIэ.

2488
Фотогалерея