Архиепископ Феофилакт Марьины Колодцы щригъэкIуэкIащ пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр

11.08.2022
Просмотры: 2311

 гъэм шыщхьэуIум и 10-м, Тхьэм и Анэм и махуэшхуэр щагъэлъапIэм, 
«Умиление» тхьэнапэм папщIэ, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ 
Феофилакт тхьэлъэIу литургиер щригъэкIуэкIащ Марьины Колодцы къуажэм и члисэм.
Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Псыхуабэ епархием 
Минераловодскэ округым щиIэ благочиннэ щоджэн нэхъыжь Панасенкэ Алексий, члисэм 
и унафэщI щоджэн Пронь Алексий, къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий. Щоджэн 
нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къуажэдэсхэмрэ щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну 
кIуахэмрэ. 
Литургие нэужьым Щихънагъым зэгъусэ тхьэлъэIу иригъэкIуэкIащ, Тхьэм и Анэр 
игъэлъэпIащ, фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. 

2311
Фотогалерея