Кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам щыIущIащ пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэм

04.08.2022
Просмотры: 2711

гъэм шыщхьэуIум и 4-м апостол пэлъытэ щихъ Магдалинэ Марие и цIэр 
зезыхьэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэса Налшык къалэм щыIэм щекIуэкIащ члисэ 
махуэшхуэм и зэIущIэ. Абы ирихьэлIэу, шыщхьэуIум и 3-м, члисэ зэхуэхьэсам и 
щоджэнхэм махуэшхуэ тхьэлъэIу ирагъэкIуэкIащ. 
А махуэм тхьэлъэIу литургиер иригъэкIуэкIащ Псыхуабэ епархием Налшык щиIэ 
округым и благочинннэ щоджэн нэхъыжь Бобылев Валентин, благочинием и щоджэнхэм я 
гъусэу. 
Литургие нэужьым зэгъусэ тхьэлъэIу ирагъэкIуэкIащ, тхьэмахуэ школым и сабий 
хорыр зыхэт махуэшхуэ концертыр къызыкIэлъыкIуар. Зэхыхьэр зэгъусэ тхьэлъэIукIэ 
зэхуащIыжащ.

2711
Фотогалерея