Архиепископ Феофилакт иригъэкIуэкIащ члисэм и пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр

03.08.2022
Просмотры: 3848

гъэм шыщхьэуIум и 2-м, Тхьэм и Уэхьий Илия и махуэшхуэм, Псыхуабэ, 
Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ 
Урысейм и члисэжьхэм ящыщ Архыз Ищхъэрэм и Ильинскэ члисэм. 
Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Псыхуабэ епархием и щоджэнхэм 
Административнэ секретариатым и унафэщI щоджэн Яковенкэ Илия я пашэу. Пащтыхь 
шэнтиуэ махуэшхуэм щызэхуэсащ къэзакъхэр, епархием екIуалIэхэм щыщу щIыналъэ 
лъапIэм Тхьэ елъэIуну къэкIуахэр, гъунэгъу республикэм, Урысейм и плIанэпэ 
зэмылIэужьыгъуэхэм щыщхэр. ТхьэлъэIум хэтащ «Маруха-2022» щIалэгъуалэ зэхуэсым 
щыщу ДНР-мрэ ЛНР-мрэ къикIа хьэщIэхэр.
Литургие нэужьым Щихънагъым зэгъусэ тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ, Тхьэм  и 
Уэхьий Илия игъэлъапIэу, фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщыныгъэкIэ захуигъэзащ, щIыналъэ 
лъапIэм Тхьэ елъэIуну къэкIуахэм епсэлъащ.

 

3848
Фотогалерея