Псыхуабэ епархием Налшык щиIэ округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь
Бобылев Валентин пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр Пролетарскэ къуажэм Тхьэм и Анэм и
Къэзан члисэм щригъэкIуэкIащ. Благочиннэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ унафэщI щоджэн
Калинин Евгений. ТхьэлъэIу нэужьым Валентин къуажэдэсхэм ехъуэхъуащ къэблагъэ
пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэмкIэ икIи гугъэ ищIащ районым и унафэщIхэм, члисэм и
псапащIэхэм, къуажэдэсхэм я зэгъусэ къарукIэ члисэр мыгувэу зэрагъэнэхунур.
Иджыблагъэ КIуэкIуэ Казбек щыхуэзам Валентин Пролетарскэ къуажэм Хэку зауэшхуэм
хэкIуэдахэм я фэеплъым и Iэгъуэблагъуэр зыхуей хуагъэзэну къыхилъхьащ. А фэеплъым
пэгъунэгъущ Тхьэм и Анэм и Къэзан тхьэнапэм и цIэр зезыхьэ члисэр. Абы и ухуэныгъэм
и япэ мывэр 2014 гъэм Урысейм и махуэм ягъэтIылъауэ щытащ. Ухуэныгъэ и кIэм
нэблэгъащ. Члисэр къызэIухыныр ирагъэхьэлIэнущ Къэбэрдей-Балъкъэр республикэр
къызэрыунэхурэ илъэси 100 щрикъум.