гъэм бадзэуэгъуэм и 17-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ
Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ
зэхуэхьэсам. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и
щоджэнхэм. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къалэдэсхэмрэ зыгъэпсэхупIэм и
хьэщIэхэмрэ. ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм къыщыхьахэм къеджа нэужь,
Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. Архиепископ
Феофилактрэ екIуэлIапIэм кIуэхэмрэ я зэпсэлъэныгъэм щыпащащ Псыхуабэ епархием и
ЩIалэгъуалэ центрым.