ЕссэнтIыгу къалэм шы джигитовкэмкIэ щызэпеуащ

17.07.2022
Просмотры: 2265

2022 гъэм бадзэуэгъуэм и 16-м, Псыхуабэ епархием иппотерапиемкIэ и «Целебный Ессеентуки» центрым Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт къыщызэIуихащ Ставрополь крайм шы джигитовкэмкIэ и зэпеуэр. 

Зэхьэзэхуэр я ныбжькIэ зэщхьэщыхауэ гупитIым папщIэ ирагъэкIуэкIащ: илъэси 7-м щыщIэдзауэ 13 хъухэм папщIэ. Апхуэдэу илъэс 14-м щыщIэдзауэ нэхъыжьхэр къзэщIиубыдэу. Кисловодск, ЕссэнтIыгу, Волгоград щыщ спортсмен 33-м япэ Iыхьэм къыщагъэлъэгъуащ Iэщэм зэрыхуэIэзэр. 

Щихънагъым фIэхъус ярихащ зэпеуэм хэтхэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ, спортсмен нэхъыфIхэм текIуэну ехъуэхъуащ икIи дэтхэнэми морожнэ иритащ. 

2265
Фотогалерея