Къудамэм и унафэщIым армеец ныбжьыщIэхэм фIэхъус ярихащ

16.07.2022
Просмотры: 1907

2022 гъэм бадзэуэгъуэм и 14-м КИФЩI-м и къалащхьэм щыIущIащ «Юнармия — Za Мир без фашизма» урысейпсо автомаршым хэтхэм. Армеец ныбжьыщIэхэр Красноярск, Кемерово, Новосибирск, Омск, Курган, Уау, Къэзань, Саратов, Волгоград, Ставрополь кIуащ. 

Псыхуабэ и «Россия – моя история» музей комплексым ныбжьыщIэхэм ТекIуэныгъэм и ныпымрэ Георгий и лентIымрэ щаIэтащ.

Маршым хэтхэм фIэхъус ярихащ Псыхуабэ еапрхием IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм, пенитенциарнэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымкIэ къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Сорокин Константин.

Армеец ныбжьыщIэхэр махуитIкIэ Псыхуабэ щыIащ, бадзэуэгъуэм и 16-17-хэм автоколонэм Налшык щыIущIэнущ. Урысейпсо автомаршыр Шэшэн республикэм и Грознэ къалэм щызэхуащIыжынущ.

 

1907
Фотогалерея