ЕссэнтIыгу станицэм къыщызэрагъэпэщащ махуэшхуэ псапэ бэзэрыр

15.07.2022
Просмотры: 1817

Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыныгъэм и махуэм и щIыхькIэ псапэ махуэшхуэ щрагъэкIуэкIащ ЕссэнтIыгу станицэм и Успенскэ члисэм. 

Щихъ джыназхэу Муромскхэ Петррэ Февронийрэ я фэеплъу удз гъэгъа хужьым и махуэшхуэр екIуэлIапIэм къакIуэхэмрэ и хьэщIэхэмрэ гъэ къэс къыхузэрегъэпэщ члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Еланцев Сергий. 

«Анэхэм папщIэ унэ» центрым махуэшхуэм псапэ бэзэрыр къыщызэрагъэпэщащ Суворовскэ станицэм щыщ бынунагъуэшхуэм папщIэ. ЩхьэгъубжэщIэхэм папщIэ ахъшэ зэхадзащ. Анэм и закъуэу бынищ епI. Иджыблагъэ абы унэ къищэхуащ анагъэм хухах ахъшэмкIэ, ауэ щхьэгъубжэхэр щIыIэ мыхъу щIыкIэ хъуэжын хуейщ. 

ТхьэлъэIу литургие нэужьым махуэшхуэм и хьэщIэхэр творческэ мастер-классхэм хэтащ, шхыныгъуэхэм я IэфIагъым еплъащ. 

Сабий махуэшхуэхэмкIэ агентствэм нэгузыужь программэ къызэригъэпэщащ аквагрим махуэшхуэм хэтхэм папщIэ. 

 

1817
Фотогалерея