Мариуполь, Горловкэ, Волновахэ щыпсэухэр Спасскэ члисэ зэхуэхьэсам и хьэщIащ

14.07.2022
Просмотры: 2027

2022 гъэм мэкъуауэгъуэм и 12-м, апостолхэу Петррэ Павелрэ я махуэшхуэм, Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэнхэм щоджэн Мовчанов Димитрий я пашэу ирагъэкIуэкIа тхьэлъэIу литургием хэтащ Мариуполь, Горловкэ, Волновах, гъунэгъу къуажэхэм щыщу зауэм зи щхьэ къыхэзыха цIыху 80.

Литургие, шэджэгъуашхэ нэужьым унафэщIым Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт члисэ зэхуэхьэсам и хьэщIэхэм епсэлъащ. Зауэм зи щхьэ къыхэзыхахэм я лъэIукIэ хэкIуэда я благъэхэм я псэр зэгъэн папщIэ тхьэлъэIу ирагъэкIуэкIащ. 

Члисэ зэхуэхьэсам и хьэщIэхэм члисэмрэ абы и Iэгъуэблагъуэхэмрэ Ивакинхэ Василийрэ Гергийрэ зыщрагъэплъыхьащ.

2027
Фотогалерея