Благочиннэм игъэнэхуащ унагъуэм и скульптрэр щагъэувыну щIыпIэр

11.07.2022
Просмотры: 2358

2022 гъэм мэкъуауэгъуэм и 9-м Семашко и цIэр зезыхьэ зыгъэпсэхупIэм деж щагъэтIылъащ Унагъуэм и фэеплъым и япэ мывэр. Махуэшхуэм хэтащ: Кисловодск къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Моисеев Евгений, къалэ Думэм и унафэщI Волошинэ Любовь, телевиденэм и лэжьакIуэ, уэрэджыIакIуэ Федоровэ Оксанэ, Псыхуабэ епархием унагъуэм, анагъэр хъумэным, сабиигъуэм ехьэлIа IуэхухэмкIэ и Комиссэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Акименкэ Сергий, Кисловодскэ члисэ округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн. 

Благочиннэм мывэр игъэнэхуащ, псапащIэ, «Созидающий мир» фондым и Iэтащхьэ Зеренков Вячеслав Кисловодск къалэ администрацэр и дэIэпыкъуэгъуу къыхалъхьа жэрдэмыр – «Семья – залог мира» скульптурэ композицэр щыгъэувыныр. Благочиннэр унагъуэхэм ехъуэхъуащ я лъагъуныгъэр ягъэбэгъуэну, щихъхэу Петррэ Феврониерэ я нэIэм щIэтыну.

Щоджэн нэхъыжь Акименкэ Сергий къалэм и «Обрученные Кисловодском» махуэшхуэ нэхъыщхьэм унагъуитIым, илъэс 55-рэ хъуауэ зэдэпсэу зэщхьэгъусэхэм щехъуэхъуащ.

Махуэшхуэм тхьэмахуэм щыпащащ Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам, унагъуэхэр щагъэлъэпIам. ТхьэлъэIу литургие нэужьым Иоанн бынунагъуэшхуэхэм саугъэтхэр, ахъшэ дэIэпыкъуныгъэхэр яритащ.

2358
Фотогалерея