Махуэшхуэм Щоджэн нэхъыщхьэм и щIыхь тхылъхэр бынунагъуэшхуэхэм иратащ

09.07.2022
Просмотры: 1981

2022 гъэм бадзэуэгъуэм и 8-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Муромскхэ Петррэ Февронийрэ я цIэр зезыхьэ члисэ КъШР-м и Московскэ къуажэм щыIэм. 

Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Псыхуабэ еапрхием Ищхъэрэ Къэрэшей-Шэрджэс округым щиIэ благочиннэ щоджэн нэхъыжь Нартов Александр, члисэм и унафэщ щоджэн нэхъыжь Петров Александр, къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къэзакъхэр, къуажэдэсхэр. 

Литургие нэужьым зэгъусэ тхьэлъэIур Щихънагъым иригъэкIуэIкащ икIи фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. ИужькIэ архиепископ Феофиакт фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъээзащ. Щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт Щоджэн нэхъыщхьэм и щIыхь тхылъхэр яритащ Григорьевхэ, Евдокимовхэ, Чернышенкэхэ я унагъуэхэм. Дэтхэнэ зы унагъуэми бын тхурытху щапI. 

 

1981
Фотогалерея