Члисэ флористикэмкIэ школым купелхэр гъэдэхэным теухуа мастер-класс щекIуэкIащ

04.07.2022
Просмотры: 2127

Псыхуабэ епархием члисэ флористикэмкIэ и школым 2022 гъэм бадзэуэгъуэм и 3-м купелхэр гъэдэхэным теухуа мастер-класс щекIуэкIащ. Ар ирагъэкIуэкIащ егъэджакIуэхэу Абрамовэ Анастасиерэ Стацюк Татьянэрэ. Купелхэр Щэхухэм ирихьэлIэу гъэдэхэныр члисэхэм екIуалIэхэм къыхалъхьащ. 

Псыхуабэ епархием, Ставропольем, Кърымым щыщу гъэсэнихым къащIащ купелхэр зэрагъэдахэр. Губгъуэ, хадэ удз гъэгъахэр зэрызэхэбгъэувэнум ахэр хагъэгъуэзащ. Мастер-калссым хэтхэм епархием и сертификатхэр иратащ. 

2127
Фотогалерея