«ДыгъафIэ къалэм» и нэIэм щIэтхэр щыIащ авиацэмкIэ музейм

28.06.2022
Просмотры: 1547

2022 гъэм мэкъуауэгъуэм и 24-м «ДыгъафIэ къалэ» центрым и унафэщIыр,  и нэIэм щIэтхэр, адэ-анэхэр, волонтёрхэр щыIащ авиацэмкIэ музейм. Музейм и унафэщI Шахмаев Ильнур зыубгъуауэ къытеувыIащ я лэжьыгъэм. НыбжьыщIэхэр гъунэгъуу еплъащ вертолётхэм, Хэку зауэшхуэ зэманым цIэрыIуэ хъуа кхъухьлъатэ У-2-м; бортым дэкIуейри пилотым и кабинэм исащ. ХьэщIэхэм Iэмэпсымэхэр щIэщыгъуэ ящыхъуащ. 

А махуэ дыдэм, Псыхуабэ епархием и Минераловодскэ округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Панасенкэ Алексий иригъэблагъэри, Минводы и Покров члисэм щыIащ, Кавказым и Феодосий и къарум щыщ Iыхьэхэм лъэIэсащ. 

1547
Фотогалерея