Щоджэнхэм тхьэлъэIу ирагъэкIуэкIащ Кавказым и хъумакIуэхэм папщIэ

23.06.2022
Просмотры: 2084

2022 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22-м Архыз и Софие губгъуэм «Свеча памяти на моём окне» дунейпсо Iуэхум хыхьэу ебланэу екIуэкIащ «Зажги свечу в память освободителей Кавказа» Iуэхур. Абы хэтащ дзэм къулыкъу щызыщIэ дзэ часть 20096-р, Сторожевая-2 къалэ цIыкIум и армеец ныбжьыщIэхэр, район къэзакъхэр, ветеранхэм я советым хэтхэр, Урысейм и «Зеленчукский» МВД-м и МО-м и Жылагъуэ советым щыщхэр, щоджэнхэр, Къэрэшей-Шэрджэсым къулыкъу щызыщIэхэр.

Хабзэ зэрыхъуауэ Iуэхур ирагъэжьащ Зеленчук псыежэхым деж Кавказым и перевалхэр щхьэхуит къэзыщIыжахэм я фэеплъым деж маршкIэ. ИужькIэ щоджэнхэм тхьэлъэIу ирагъэкIуэкIащ, фэеплъ пэкIу къыкIэлъыкIуащ. 

Зэхыхьэр щиухым зауэ уэрэдхэр жаIащ, районым ЩэнхабзэмкIэ и унэм и лэжьакIуэхэм ягъэхьэзыра концертым.

2084
Фотогалерея