Архиепископ Феофилакт тхьэмахуэ хьэлъэIухэр щригъэкIуэкIащ Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам

06.06.2022
Просмотры: 1406

2022 гъэм мэкъуауэгъуэм и 4-м пщыхьэщхьэм Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилкт Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам тхьэмахуэ тхьэлъэIухэр щригъэкIуэкIащ. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэнхэм. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къалэдэсхэмрэ зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэмрэ. Щихънагъыр тхьэмахуэ Инджылым къеджащ икIи фIэщхъуныгъэ зиIэхэм гъэнэхуа дагъэм щыщ ящихуащ. 

2022 гъэм накъыгъэм и 5-м тхьэмахуэ тхьэлъэIу литургиер архиепископ Феофилакт Спасскэ члисэ зэхуэхьэсам члисэм и щоджэнхэм я гъусэу щригъэкIуэкIащ. ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм къыщыхьахэм къеджа нэужь Пастыр нэхъыщхьэм фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. Литургие нэужьым Щихънагъым Тхьэр игъэлъэпIащ. 

1406
Фотогалерея