Дзэ частым и члисэм пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр щагъэлъэпIащ

04.06.2022
Просмотры: 1516

Щихъ Донской Димитрий и фэеплъ махуэм пащтыхь шэнтиуэ махуэшухэм щыIущIащ 34-нэ шабзауэ бригадэм и Iэгъуэблагъуэм. Члисэр 2010 гъэм яухуащ. Ар игъэнэхуащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт ТекIуэныгъэ Иныр 2015 гъэм щагъэлъэпIам. 

ТхьэлъэIу литургиер иригъэкIуэкIащ фIэщхъуныгъэ зиIэ зауэлIхэм ядэлэжьэнымкIэ унафэщIым и дэIэпыкъуэгъу щоджэн нэхъыжь Кравченкэ Андрей и гъусэу Псыхуабэ еапрхием и Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Субтельный Евгений. ТхьэлъэIум хэтащ округым и щIалэгъуалэ къудамэм жыджэру хэтхэр, къулыкъу зыщIэхэм я щхьэгъусэхэр. 

Зэгъусэ тхьэлъэIу нэужьым щоджэн нэхъыжь Субтельный Евгений зауэлIхэм я щхьэгъусэхэм фIэгъуэ къалъысну захуигъэзащ икIи офицерхэм узыншагъэ яIэну, Тхьэр къадэIэпыкъуну ехъуэхъуащ архиепископ Феофилакт къыбгъэдэкIыу.

ИужькIэ щоджэнхэм тхьэлъэIур ирагъэкIуэкIащ Урысейм и зауэлIхэм я узыншагъэм папщIэ. 

1516
Фотогалерея