Архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу иригъэкIуэкIащ

03.06.2022
Просмотры: 1957

2022 гъэм пщыхьэщхьэм, Тхьэр щагъэлъапIэ махуэшхуэм, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам тхьэлъэIу щригъэкIуэкIащ. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэнхэм. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къалэдэсхэмрэ зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэмрэ. Щихънагъым тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ, махуэшхуэ Инджылым къеджащ, фIэщхъуныгъэ зиIэхэм гъэнэхуа дагъэм щыщ ящихуащ.

2022 гъэм мэкъуауэгъуэм и 2-м, махуэшхуэм, архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Винсады къуажэм и Михайловскэ члисэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Псыхуабэ епархием и Лермонтовскэ округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Фаустов Константин, члисэм и унафэщI щоджэн Марков Андрей, къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къэзакъхэм, къуажэдэсхэм, гъунэгъу къалэхэмрэ станицэхэмрэ щыщу щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэр. Литургие нэужьым щихънагъым махуэшхуэр игъэлъэпIащ икIи фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.

1957
Фотогалерея