2022 гъэм накъыгъэм и 24-м Налшык къалэм и щоджэнхэр хэтащ КъБР-м Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ и Лъэпкъ къэрал библиотекэм и зэIущIэм.
Зэхыхьэм щызэхуэсащ узэщIыныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ министр Езауэ Анзор, лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ министр КIурашын Анзор, республикэм егъэджэныгъэмрэ щэнхабзэмкIэ и лIыкIуэхэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым и школхэм я класс нэхъыжьхэм щIэсхэр.
ЗэIущIэм доклад щищIащ щоджэн Осипов Константин. Зэхыхьэм хэтхэр кIэлъыплъащ Лъэпкъ библиотекэм и фондым щахъумэ тхылъхэм, Матвей къыбгъэдэкIа Инджыл цIыкIур хыхьэу.